Моя методическая копилка
Темэр: «Лэжьыгъэм емыкIу хэлъкъым».
Мурадыр:
1.Тэмэму зэхащIыкIыу икIи зыхащIэу, гъэхуауэ къеджэфу еджакIуэхэр егъэсэн.
2.Къызэджам мыхьэнэ нэхъыщхьэу хэлъыр езыхэм я псалъэк1э къа1уэтэжыфу, къызэджа тхыгъэхэм щыщ 1ыхьэхэр мыхьэнэк1э зэрызэпхар къахутэфу, хъыбарым и убзыхук1э (план) ягъэувыфу, а убзыхук1эм ипкъ итк1э къызэджэр къа1уэтэжыфу егъэсэн.
3.Тхыгъэр и гъэпсык1эк1э зэпкърахыфу, абы къыщыхъу-къыщыщ1эхэр къагуры1уэу, абы ущииныгъэ-гъэсэныгъэ мыхьэнэр къыхахыфу еджак1уэхэр къэгъэтэджын.
4.Еджак1уэхэм я жьэры1уатэбзэм зегъэужьын, ар шэрыуэу, купщ1аф1эу, зэхэщ1ык1ыгъуэу щытыным елэжьын,гупым щылэжьэфын хуэдэу ущиин.
5.Сыт хуэдэ лэжьыгъэми пщ1э хуащ1у, еджэным хущ1экъуу, ф1ыр ягъэлъап1эу, мыхъумыщ1эр 1умпэм ящ1у, нэхъыжьхэм я чэнджэщ еда1уэу щ1эблэр гъуэгу тэмэмым тешэн.
Дерсым къыщыгъэсэбэпыпхъэр.
Презентацэхэр, тхак1уэхэм я сурэтхэр,кроссворд ,Къэзэнокъуэ Жэбагъы и гъащ1эм теухуа тхыгъэхэр, и псалъэ пэжхэр, тхыль1эрыщ1 ц1ык1у
Урокыр зэрек1уэк1ынур.
Нобэ япэу ди дерсыр къыщ1эздзэну сыхуейщ К1ыщокъуэ Алим и псальэхэмк1э:
«Сэ шу лъагъуэр зэпызмычу,
Гъущ1 гъуэгушхуэм сытехьакъым,
Адыгэбзэр зэзмыгъащ1эу,
Урысыбзэр сщ1эн слъэк1акъым»
-Сыт зытепсэлъыхьыр усэр?
Ди бзэм,ди адыгэбзэм
Пэжщ, ц1ык1ухэ , анэдэлъхубзэр зэбгъапщэ хъун щы1экъым. Абы езым и макъамэ, и дахагъ, и 1эф1агъ , и лъэщагъ и1эжщ.
Ди бзэр дэ дызэрыгушхуэщ, ди 1эщэщ, ди нэм и нэхущ.
Ди бзэр дэ дымыщ1эжмэ, дымыхъумэжмэ, ди лъэпкъыр к1уэдыжынущ. Аращи, щхьэж езым и бзэ иц1ыхун, ихъумэн хуейщ.
.
-Иджы ,ц1ык1ухэ,ди унэ лэжьыгъэр кьэдвгъэпщытэж --Сыт унэ лэжьыгъэу фи1ар?
- Усэ «Къуэ» гъэхуауэ еджэн
-Хэт ар зытхар ?
К1ыщокъуэАлим
Сэ унэм фэстат К1ыщокъуэАлим и биографиер докладу схуэфтхыну
.Абы нэмыщ1к1э зы усэ гук1э зэвгъэщ1эну.
Хэт ар къызжи1эн?
Биографиэ. К1ыщокъуэАлим.
К1ыщокъуэАлим 1914 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ.
Япэ щ1ык1э я къуажэ пэщ1эдзэ еджап1эр,ит1анэ Бэхъсэн куей мэкъумэш 1уэхущ1ап1эхэм щыхуагъэхьэзыреджап1эр,иужьк1э Орджиникидзэ къалэм дэт педагогикэ институтым щеджащ.
1935 гъэм Алим институтыр къиухри , щ1эныгъэ куу и1эу республикэм къигъэзэжащ,егъэджак1уэ 1эщ1агъэр зы1эригъэхьауэ.
К1ыщокъуэм пасэу щ1идзащ усэхэр итхын. Езым къызэри1уэтэжымк1э ,ар тохуэ 1924 гъэм. Гъащ1эм и 1уэхугъуэ куэд къызэщ1аубыдэ К1ыщокъуэм и тхыгъэхэм.Ахэр теухуащ лъэпкъ тхыдэмрэ псэук1эщ1эмрэ, ц1ыхугъэ лъагэмрэ лэжьыгъэ хьэлэлымрэ, къуэшыгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ, мамырыгъэр хъумэнымрэ зауэ щ1эгъэстхэр сэтей къэщ1ынымрэ ик1и нэгъуэщ1 1уэхугъуэхэми.
Лъэпкъым и къуэ щэджащэ К1ыщокъуэ Алим 2001 гъэм и щ1ышылэм и 29-м дунейм ехыжащ и ныбжьыр 87-м иту.
Мы докладым классщ1ыб еджэныгъэ щыди1эм и деж къытхуеджэжынщ.
Усэм къоджэр
Уузыншэм!» - сэ жызоIэ»
«Уузыншэм!» - сэ жызоIэ.
Сэ а псалъэ пщ1э хузощI.
Ар къысхуэзэм къызжамыIэм,
Махуэ къэскIэ си гум хощI.
ЩремыщIэ узыншагъэ
ЦIыхум фIыкIэ хуэупсар.
Куэдкъэ, жиIэу щIемыгъуэжу,
Лажьэу шхэжу цIыху есар.
Уузыншэм, дыгъэ къепсу
Нобэ махуэр зыгъэнэху.
Фыузыншэм сэ стхы усэр –
Си псэ тIэкIум зегъэпсэху.
Узыншагъэм дыщымыщIэм,
Ди IэнатIэр нэтхьэсынщ.
«Уузыншэм!» - жиIэу хъуахъуэр,
И мурадым лъэIэсынщ.
Иджы ц1ык1ухэ К1ыщокъуэ А.и усэ «Къуэ» къыдопщытэж.
Усэм гъэхуауэ къегъэджэн
Упщ1эхэм жэуап идот:
1.Сыт хуэдэ ц1ыху хъуну щыгугърэ адэр къуэм?
Акъылыф1э,лэжьыгъэк1э ц1эры1уэ
2.Сыт жа1эр гуф1эгъуэм кърихьэл1ахэм,щ1алэ ц1ык1ум ф1ащыну ц1эр къыщыхахк1э?
Щ1эныгъэ зи1эм и ц1эджэгъу ,Дзэзешэм и ц1эджэгъу,ц1ыху 1ущым и ц1эджэгъу,
Адэшхуэм и псальэм фыкъеджэжыт? И Мыхьэнэ нэхъыщхьэр сыт?
Насып…..
Ц1ыхур зыгъэинымрэ ц1эры1уэ зыщ1ымрэ къызыхэщ сатырхэм фыкъысхуеджэ.
Ц1э льап1э ф1эфщми ар ц1эры1уэ…..
Аращ ц1ык1ухэ, «Лэжьыгъэм ц1ыхур егъэбжьыф1э!»
Кластер
![]()

Физминуткэ
Сэ сыхъуащ иджы инышхуэ
Жыжьэу лъагэу зызо1эт
Зызошэщ1 аргуэру лъагэу
Ауэ лъакъуэм симы1эт.
Си 1э ц1ык1ухэр щ1ызоупск1э
Лъапэ ц1ык1ухэм загъэсыс
«Хэт ищ1энт апхуэдэу псынщ1эу
Ин сыхъуну?- согупсыс.
Темэщ1эм хуэшэн:
Ц1ык1ухэ,сэ иджпсту зы хъыбар ц1ык1у сыкъыфхуеджэнущи,гупсэхуу фыкъызэда1уэ
«Жабэгъы и хъуэхъу»
Зыпщ къуэ хыхуалъхуати, хьэщ1э къыхуепсыхауэ здэхъуахъуэм,Къэзэнокъуэ Жэбагъы пщым и жылэмк1э зарыблэк1ыр къжра1ащ.
_ Жэбагъы дгъэхъуэхъуэнщ,--жари хьэщ1эщым щ1ашащ:
--Пщым ехъуэхъу,Жабэгъы, къуэ къыхуалъхуащ,---щыжа1эм:
---Нобэ дунейм къытехьа щ1алэр хьэнэу,джэдыпэу,фызыгуу, и ц1эк1э къемыджэу гъэпсэу!---- жери хъуэхъуащ, шэсыжри и гъуэгу техьэжащ.
Гупыр егупсысри, Жэбагъы и хъуэхъур зэхащ1ык1акъым.
---Къыдохъуэхъу жыт1эурэ къыдэхъуэнащ:---фык1уи къевгъэгъазэ,---жари шу лърагъэжьащ.
Гупым къахыхьэжри, хъуэхъум къригъэк1ар къажри1ащ Жэбагъы:
----Хьэм и нэм нэхъ жан щы1экъым, джэдым и пэм нэхъ шэрыуэ щы1экъым,жьэгум щыдэсым деж фызым нэхърэ нэхъ гушхуэ щы1экъым, нэхъыжь щхьэщытыху, щ1алэм и ц1эк1э еджэркъым.Нобэ дунейм къытехьа щ1алэр нэ жан,шэрыуэ,гушхуэ зык1уэц1ылъ ирехъу, и нэхъыжь куэдрэ къыщхьэщрет! Аращ сызэрехъуэхъуар.
Дауэ фепльрэ ц1ык1ухэ,мы хъыбарыр жызы1а ц1ыхур ц1ыху губзыгъэу къыфщыхъуа? Фыдихьэха,фыф1эгъэщ1эгъуэн?
Нт1э фэ нобэ зи хъыбэр федэ1уар,Къэзэнокъуэ Жэбагъыщ.
Хэт хъуну нт1э Къэзэнокъуэ Жэбагъы?
Для Инны
Къэзэнокъуэ Жэбагъы зи псалъэм пщIэ иIэ, зи акъылыр жыжьэ нэплъыс, захуагъэм ирилажьэ цIыху губзыгъэщ, къэрал лэжьакIуэщ, хэкумрэ къэбэрдей лъэпкъымрэ фIыгъуэ зэрахуилэжьыныр къалэн зыщищIыжауэ. А къалэныр хузэфIэмыкIамэ, Къэзэнокъуэ Жэбагъы и цIэмрэ и хъыбархэмрэ нобэм къэсынтэкъым.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр езыр-езырурэ къежьащ, ахэр зыми зэхилъхьакъым икIи къигупсысакъым: лIы Iущым далъагъу IуэхущIафэхэр зэхуаIуэтэжурэ жылэм хэIуэри IуэрыIуатэ лIэужьыгъуэ хъуащ.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы и хъыбархэр щаIуатэр Къэбэрдейм и закъуэкъым, абыхэм ущрохьэлIэ Шэрджэсми Адыгейми; Къэзэнокъуэм и цIи и хъыбархэри ящIэ ди гъунэгъу лъэпкъхэми.
Псалъэ пэж куэд къызэринэкIащ Къэзэнокъуэ Жэбагъы, абыхэм нобэр къыздэсым Жэбагъы и псалъэкIэ йоджэ. Къэзэнокъуэ Жэбагъы къызэринэкIа псалъэ Iущхэр адыгэ псалъэжьхэм хэзэрыхьыжауэ къогъуэгурыкIуэ.
Къэзэнокъуэ Жэбагъы I750 гъэм лIащ, и акъылрэ и IуэхущIафэкIэ цIэрыIуэ дыдэ хъуауэ.
Нобэ дэ деджэнущ абы хъыбар «Лэжьыгъэм емык1у хэлъкъым» .
Рассказым къахуеджэн:
Къэзэнокъуэ Жэбагъы деж зэгуэрым шу гуп къэк1уащ.
Жэбагъы деж гуп 1эджэ щепсыхырт.Абы и хъыбархэр дэнэлъэныкъуэк1и щызэ1эпахырти, хьэщ1э куэд къыхуэк1уэрт, «Жэбагъы деж дыщы1ащ,Жэбагъы слъэгъуащ,сепсэлъащ» --жа1эн щхьэк1э.
А шу гупышхуэу абы деж дыхьари апхуэдэ шухэу къыщ1эк1ынт. ……….
Словарна лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын.
Бжьэ къурашэ-бжьакъуэ къэгъэша
хьэщ1эщ-хьэщ1эр здрагъэблагъэ пэш
зы 1энат1э щы1утын-зэгъусэу зэдэлэжьэн
Хъыбарыр къызэра1уэтэжын план хуэгъэувын (тетрадым)
1.Шу гупыр Къэзэнокъуэм и деж мак1уэ. 2. Пщ1ант1эм зыри абыхэм къащыпежьакъым. 3.Къэзэнокъуэр хадэм щолажьэ. 3. Гупым ар ягъэщ1агъуэ. 4.Шу гупым щыщ щ1алэм Жэбэгъы къелъагъу. 5.Къэзэнокъуэм хьэщ1эхэр ирегъэблагъэ. 6. Нэхъыжьым и псалъэ. 7.Жэбагъы и жэуапыр.
Синквейн
Ц1ыхухъу
Лъыхъужьу, акъылыф1эу, 1эк1уэлъак1уэу(сыт хуэдэу?)
Лэжьэн, къыщхьэщыжын (сыт ищ1эн хуеир?)
Нэхъыжьым и пщ1эр ихъумэн
Щапхъэу щытын
Рефлексия
Кроссворд.
| 1. | п | с | а | лъ | э | ||||||||||||||
| 2. | н | а | с | ы | п | ||||||||||||||
| 3. | дж | а | т | э | |||||||||||||||
| 4 | з | ы | лъ | э | м | ы | К1 | ||||||||||||
| 5. | дж | э | д | ||||||||||||||||
| 6. | б | жь | э | ||||||||||||||||
| 7. | гъ | а | т | х | э | ||||||||||||||
| 8 | м | а | щ | э | |||||||||||||||
| 9. | а | б | р | э | м | ы | в | э | |||||||||||
Мы псалъэжьхэм хэгъэувэжыпхъэ псалъэхэр къэвгъуэтыж,кроссвордым ифтхэ.
1 .Гупсыси ……….зыплъыхьи т1ыс.
2. Н………зимы1эм и дзэр хъудырым 1уещ1ык1.
3. Дж……….и щ1агъ нанэ щы1эжкъым.
4. З……. 1эфрак1э и 1ыхьэщ.
5. Дж……. Нэхърэ джэдык1э нэхъ 1ущщ.
6. Б….. ….зыдэсым фо дещ1э.
7. Гъ………уафэ гъанэщ.
8. М….. зыт1 йохуэж.
9. Абр………… вагъэгъэк1уэдщ.
Жэуапыр пэжмэ, къехыу фыкъеджэнщ 1уэры1уатэм щыщ зы 1ыхьэм зэреджэр.
Нобэрей дерсым сыт къыхэфха ?
Ц1ыхум пщ1эзэрыхуэщ1ыныр,
Хабзэзэр зызехьэн зэрыхуейр
Лэжьыгъэр ф1ыуэ плъагъуу
,лэжьыгъэм хэдэ умыщ1у
,ц1ыхубзым удэ1эпыкъуу щытын хуейщ.
Ц1ык1ухэ,нобэрей дерсыр къывгуры1уамэ, фигу ирихьамэ
Смайлик ц1ык1у фэстахэр фыгуф1эу къэвгъэлъагъуэ,
зыгуэр къывгурымы1уамэ фынэщхъейуэ сывгъэлъагъу.


Унэлэжьыгъэ
Фи адэ анэхэм фыкъыхуеджэн, тхыль1эрыщ1 ц1ык1у фэстынум пыфщэжьын
Нобэ хъэрзынэу фылэжьащ мыпхуэдэ оценкэхэр фхузогъэув.
Ину берычэт бесын нобэ ди зэ1ущ1эм къеблэгъахэми.
| 1. | |||||||||||||||||||
| 2. | |||||||||||||||||||
| 3. | |||||||||||||||||||
| 4 | |||||||||||||||||||
| 5. | |||||||||||||||||||
| 6. | |||||||||||||||||||
| 7. | |||||||||||||||||||
| 8 | |||||||||||||||||||
| 9. | |||||||||||||||||||
Мы псалъэжьхэм хэгъэувэжыпхъэ псалъэхэр къэвгъуэтыж,кроссвордым ифтхэ.
1 .Гупсыси ……….зыплъыхьи т1ыс.
2. Н………зимы1эм и дзэр хъудырым 1уещ1ык1.
3. Дж……….и щ1агъ нанэ щы1эжкъым.
4. З……. 1эфрак1э и 1ыхьэщ.
5. Дж……. Нэхърэ джэдык1э нэхъ 1ущщ.
6. Б….. ….зыдэсым фо дещ1э.
7. Гъ………уафэ гъанэщ.
8. М….. зыт1 йохуэж.
9. Абр………… вагъэгъэк1уэдщ.
Биографиэ. К1ыщокъуэАлим.
К1ыщокъуэАлим 1914 гъэм Щхьэлыкъуэ къуажэм къыщалъхуащ.
Япэ щ1ык1э я къуажэ пэщ1эдзэ еджап1эр,ит1анэ Бэхъсэн куей мэкъумэш 1уэхущ1ап1эхэм щыхуагъэхьэзыреджап1эр,иужьк1э Орджиникидзэ къалэм дэт педагогикэ институтым щеджащ.
1935 гъэм Алим институтыр къиухри , щ1эныгъэ куу и1эу республикэм къигъэзэжащ,егъэджак1уэ 1эщ1агъэр зы1эригъэхьауэ.
К1ыщокъуэм пасэу щ1идзащ усэхэр итхын. Езым къызэри1уэтэжымк1э ,ар тохуэ 1924 гъэм. Гъащ1эм и 1уэхугъуэ куэд къызэщ1аубыдэ К1ыщокъуэм и тхыгъэхэм.Ахэр теухуащ лъэпкъ тхыдэмрэ псэук1эщ1эмрэ, ц1ыхугъэ лъагэмрэ лэжьыгъэ хьэлэлымрэ, къуэшыгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ, мамырыгъэр хъумэнымрэ зауэ щ1эгъэстхэр сэтей къэщ1ынымрэ ик1и нэгъуэщ1 1уэхугъуэхэми.
Лъэпкъым и къуэ щэджащэ К1ыщокъуэ Алим 2001 гъэм и щ1ышылэм и 29-м дунейм ехыжащ и ныбжьыр 87-м иту.


